Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

106-НЭ ХЪЫБАР

Лъэхъуэщым кърагъэкІыжахэщ

Лъэхъуэщым кърагъэкІыжахэщ

ЕПЛЪЫТ. МелыІычым лъэхъуэщым и бжэр къыІуехри Хьисэ и апостолхэр кърегъэкІыж. КъэтщІэнти ахэр абы зэрихуа щІыкІэр.

Ар къыщыхъуар Хьисэ и гъэсэнхэм дух лъапІэр къахуеха нэужьщ. Къызэрыхъуари мыпхуэдэущ: зэгуэр Пётррэ Иуанрэ Иерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэмкІэ кІуэт. Унэшхуэм и щІыхьэпІэм деж къызэралъхурэ ныкъуэдыкъуэу лІы гуэр щыст. Ар махуэ къэс мыбы къахьри, унэшхуэм къакІуэ цІыхухэм ахъшэ щхьэкІэ йолъэІу. Пётррэ Иуанрэ зэрилъагъуу ар абыхэм йолъэІу зыгуэр къратыну. Сыт ящІэнур апостолхэм?

Ахэр къоувыІэри тхьэмыщкІэм йоплъ. «Ахъшэ сиІэкъым,— жреІэр абы Пётр,— ауэ уэстынщ сэ сиІэр. Хьисэ и цІэкІэ къэтэджи къэкІухь!» Абы хэту Пётр абы и Іэ ижьыр къещтэри, ар занщІэу къыщолъэтри къикІухьын щІедзэ. ЦІыхухэм ягъэщІагъуэ а зэи къэмыхъуа телъыджэр икІи абы щогуфІыкІ.

Пётр жеІэр а телъыджэр зэращІар Хьисэ лІахэм къахэзыгъэтэджыкІыжа Алыхьым и къэрур зэрыарар. Ар цІыхухэм щыжраІэм ирихьэлІэу, дин пашэхэр къыІуохьэ. Ахэр Іейщэу къэгубжьащ Пётррэ Иуанрэ цІыхухэм Хьисэ къызэрыхъужам теухуауэ зэрепсалъэм щхьэкІэ. Аращ абыхэм къаубыду ахэр тутнакъым щІрадзэри.

ЕтІуанэ махуэм дин пашэхэм зэхуэсышхуэ ящІ. Абы кърашалІэ Пётр, Иуан, итІанэ абыхэм ягъэхъужар. А телъыджэр зэращІар сыт хуэдэ къарукІэми жрагъэІыну щохьэхэр.

Пётр абыхэм яжреІэ Хьисэ лІахэм къахэзыгъэтэджыкІыжа Алыхьым и къэрумкІэ ар зэращІар. Дин пашэшхуэхэм ящІэнур ящІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэи къэмыхъуауэ къэхъуа телъыджэр къэмыхъуа яхуэщІынукъым. Абы къыхэкІкІэ апостолхэм унафэ хуащІр Хьисэ темыпсэлъыхьынуи, яутІыпщыж.

Зэманыр макІуэр, апостолхэр адэкІэ Хьисэ топсэлъыхь, сымаджэхэри ягъэхъуж. А телъыджэхэм теухуа хъыбархэр псынщІэу ихъуреягъкІэ мэІу. Абы къыхэкІкІэ Иерусалим пэгъунэгъу къалэхэм къикІыу апостолхэм ирагъэгъэхъужыну сымаджэхэр къашэри цІыху гупышхуэхэр къокІуэ. Дин пашэхэм фыгъуэм къыхэкІыу апостолхэр къаубыдри лъэхъуэщым ирадзэ. Ауэ апостолхэр куэдрэ абы искъым.

Жэщым, сурэтым зэрыщыплъагъущи, Алыхьым и мелыІычым лъэхъуэщым и бжэр Іуехри жеІэр ахэр къикІыу Алыхьым и унэшхуэм кІуэуэ адэкІэ мыувыІэу цІыхухэм епсэлъэну. КъыкІэлъыкІуэ пщэдджыжьым дин пашэхэм къагъэкІуа цІыхухэм ялъагъу апостолхэр зэрыбзэхар. ИужьыІуэкІэ абыхэм апостолхэр къагъуэт унэшхуэм цІыхухэр щрагъаджэу. Арати, ахэр синедрионым и залым къашэр.

— Быдэу вжетІатэкъэ Хьисэ теухуауэ евмыгъэджэну,— мэщхьэжагъуэ дин пашэхэр.— Зыхуевгъаджэр Иерусалим дэз фщІащ.— Дэ Алыхьым и унафэращ нэхъ дызэдэІуэн хуейр, цІыхухэм ейм нэхърэ,— жаІэри абыхэм жэуап ят. Абы къыхэкІкІэ адэкІи мыувыІэу «хъыбарыфІыр» ягъэІу. Дадэплъеинумэ, щапхъэ хъэрзынэкъэ–тІэ ар?