Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

108-НЭ ХЪЫБАР

Дамаск кІуэ гъуэгум здытетым

Дамаск кІуэ гъуэгум здытетым

ПЩІЭРЭ мы щІым щылъыр хэтми? Савлщ. ПщІэжмэ аращ Стефан зыукІахэм я щыгъыныр зыхъумэу щытар. Еплъыт, нэр щІисыкІыу нур! Сыту пІэрэ ар зищІысыр?

Стефан яукІа нэужь, Савл Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм гугъуехь яригъэшэчын щхьэкІэ, къиубыдын щІедзэ. Унэ–унэкІэ къикІухьурэ абы Хьисэ и гъэсэнхэр къыщІелъэфри, лъэхъуэщым иредзэ. Зыкъуоми щІопхъуэжри нэгъуэщІ къалэхэм хъыбарыфІыр щагъэІу. Ауэ Савл ахэр абыи щигъэпсэукъым, къыщеубыд. Иджыпсту ар Дамаск макІуэр. Ауэ гъуэгу здытетым гъэщІэгъуэн гуэр къохъу.

НапІэзыпІэм уафэм къикІ нурым абы и нэр щегъэункІыфІыкІ. Зэрыплъагъущи, Савл мэджалэ. ИтІанэ макъ къоІу: «Савл, сыт сыкъыщІепхуэкІыр, Савл?» Абы и гъусэхэми нурыр ялъагъу, макъри зэхах, ауэ жиІэр къагурыІуэкъым.

Савл ар хэтми йоупщІ. Макъым къыжреІэ: «Уэ зепхуэ Хьисэщ». Хьисэ апхуэдэу щІыжиІэр абы и гъуэгу ирикІуэхэр къыщрахуэкІым деж езы Хьисэ кърахуэкІым хуэдэу зэхещІэри аращ.

— Зиусхьэн, сыт–тІэ сщІэнур? — щхьэжагъуэу Савл щІоупщІэр.

— Къэтэджи Дамаск кІуэ,— жреІэ абы Хьисэ.— пщІэнур абы къыщыбжаІэнщ.

Савл къотэджыжри и нэр къызэтрех, ауэ зыри илъагъукъым. Нэф хъуащ! Абы къыхэкІкІэ и гъусэхэм абы и Іэр къаубыдри Дамаск яшэ.

Абы иужькІэ Хьисэ Дамаск щыщ и гъэсэнхэм ящыщ зым унафэ хуещІ: «Ананий, къэтэджи уэрам ЗахуэкІэ зэджэм кІуэ. Иудэ и унэм щыщІэупщІэ Савл. Ар сэ си лэжьакІуэ хэха хъуну къыхэсхащ».

Ананий абы зэрыжиІам хуэдэу ещІ. Савл къигъуэта нэужь, и Іэр трелъхьэри жеІэр: «Зиусхьэным сыкъигъэкІуащ щІэрыщІэу плъэгъужын, дух лъапІэр къыплъэІэсын щхьэкІэ». Асыхьэтым бдзэжьеифэм хуэдэу и нэм зыгуэр тохури, илъэгъужын щІедзэ.

Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм щыщ цІыхухэм Савл хъыбарыфІыр куэдрэ яжреІэр. Иджы ар зэрацІыхур апостол Павелуэщ. КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэхэм абы теухуауэ иджыри куэд къыщытщІэнущ. Ауэ иІэт япэ щІыкІэ къэдгъащІэт Алыхьым Пётр щІигъакІуэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэми.