110-НЭ ХЪЫБАР
Павел и дэІэпыкъуэгъущІэ Тимофей
ПАВЕЛ къыбгъэдэт щІалэщІэм и цІэр Тимофейщ. Ар и адэ–анэм я гъусэу Листрэ къалэм щопсэу. И анэм и цІэр Евникэщ, и анэшхуэм — Лоидэщ.
Иджы ещэнэрейуэ Павел къыщызэтоувыІэ Листрэ къалэм. Илъэс и пэкІэ щІыпІэ жыжьэхэр къыщызэхакІухьым щыгъуэ Варнавэ и гъусэу Павел япэу мыбы къэкІуат. Иджы Павел къэкІуащ и ныбжьэгъу Силэ и гъусэу.
ПщІэрэ Павел Тимофей жриІэр сытми? «Ухуей Силэрэ сэрэ ди гъусэу унакІуэу щІыпІэ жыжьэ щыІэ цІыхухэм хъыбарыфІыр ебгъэщІэну?» — йоупщІ абы Павел.
НтІэ, фи гъусэу сынэкІуэну сыхуейщ, — жеІэр Тимофей. Куэд дэмыкІыу Тимофей и Іыхьлыхэр къегъанэри Павелрэ Силэрэ я гъусэу макІуэ. Ауэ абыхэм къызэхакІухьахэр къэтщІэн и пэкІэ, къэдгъащІэт абы и пэкІэ Павел къыщыщІар сытми? Илъэс 17 нэс блэкІащ, Дамаск кІуэ гъуэгум здытетым Павел Хьисэ къызэрыщыхуэкІуэрэ.
КъэщІэжыт, Павел Дамаск щІэкІуэр Хьисэ и гъэсэнхэм гугъуехьыр яригъэшэчыну арат. Ауэ иджы ар езыр Хьисэ и гъэсэнщ! ИужьыІуэкІэ бийхэм ящыщ гуэрхэм Павел яукІыну иужь йохьэ. Абыхэм ягу ирихькъым Павел цІыхухэр Хьисэ теухуауэ зэрыригъаджэр. Ауэ еджакІуэхэр къыдоІэпыкъур Павел щІэпхъуэжынымкІэ. Ар матэм абыхэм ирагъэтІысхьэри къалэм и блынымкІэ щхьэдахьэх.
Абы иужькІэ Павел хъыбарыфІыр игъэІуну Антиохие макІуэ. Мы къалэращ япэ дыдэу Хьисэ и гъэсэнхэр Хьисэ и гъуэгу ирикІуэкІэ еджэ щыхъуар. ИтІанэ Павелрэ Варнавэрэ Антиохие йокІри йожьэ, щІыпІэ жыжьэхэр къызэхакІухьыну. Ахэр здэщыІа къалэхэм ящыщ зыщ Тимофей щыпсэу Листрэ къалэр.
Илъэс дэкІауэ, етІуанэу щІыпІэ жыжьэхэр къызэхакІухьыну Павел щежьам, аргуэру Листрэ къалэ къагъэзэж. ПщІэрэ здаунэтІыр дэнэми Павелрэ Силэрэ, гъусэ яхуэхъуа Тимофей я гъусэу? Картэм деплъынщи, зэдгъэцІыхунщ а щІыпІэхэм щыщ гуэрхэр.
Япэ щІыкІэ ахэр макІуэ Листрэ и гъунэгъу къалэ Иконием, итІанэ Антиохие зи цІэ етІуанэ къалэм. Абы иужькІэ Троадэ нэс докІуей, итІанэ къалэхэу Филиппи, Фессалоникэ, Верие. Щыплъагъурэ, картэм Афинэ? Павел абыи хъыбарыфІыр щыжеІэр. Абы иужькІэ илъэсрэ ныкъуэрэкІэ Коринф къыщызэтоувыІэ. ИкІэм – икІэжым Ефес тІэкІурэ къыщоувыІэ. ИтІанэ кхъухькІэ Кесарие къагъэзэж. Абы йокІри Антиохие макІуэри абы Павел къыщонэ. Апхуэдэу Павел и гъусэу Тимофей километр куэд зэпеч икІи абы доІэпыкъу хъыбарыфІыр игъэІунымкІэ, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм щхьэкІэ зэхуэсыщІэ куэд къызэригъэпэщынымкІэ. Уэ ин ухъуа нэужь, Тимофей хуэдэу Алыхьым и лэжьакІуэ пэж ухъуну?