Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

109-НЭ ХЪЫБАР

Пётр Корнилий деж къокІуэ

Пётр Корнилий деж къокІуэ

МЫР АПОСТОЛ Пётрщ, и щІыбагъ къыдэтхэр и ныбжьэгъуитІыращ. Сыту пІэрэ–тІэ мы цІыхухъур Пётр и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу щІитыр? Апхуэдэу пщІэ хъуну? ПщІэрэ ар хэтми?

Ар Корнилийщ. Рим зауэлІхэм я дзэ пашэщ. Корнилий Пётр ицІыхукъым, ауэ и унэ ар къригъэблэгъэну къыжраІащ. ИІэт къэдгъащІэт зэрыхъуар дауэми.

Хьисэ япэу иужь иувахэр иудейт. Корнилий иудейтэкъым. Ауэ абы Алыхьыр фІыуэ елъагъу, абы йолъэІу, фІы куэди цІыхухэм яхуещІэ. Мис арати, зэгуэр махуэу абы мелыІыч и пащхьэ къихутэри къыжриІащ: «Уэ Алыхьым и гум удыхьащи уи тхьэлъэІухэм жэуап къритыну хуейщ. Пётр зи цІэр уи лІыкІуэхэр гъакІуи къегъашэ. Иджыпсту ар Иоппие къалэм хы Іуфэм щыпсэу Симон и деж щыІэщ».

Корнилий асыхьэтым Пётр кІэлъегъакІуэ. ЕтІуанэ махуэм лІыкІуэхэр Иоппие къыщысам, Пётр Симон и унащхьэм тест. Алыхьым Пётр абы къыщрегъэлъагъу Іэнэ тепхъуэм хуэдэ уафэм зыгуэр къехыу. Абы кІуэцІылъщ зэхуэмыдэу псэущхьэ куэд. Алыхьым и унафэм тету ахэр пшхы мыхъуну хьэрэму щытми, макъым унафэ къыхуещІ: «Пётр, къэтэджи фІэгъэжи шхы».

— Хьэуэ! — жеІэр Пётр. Сэ зэикІ хьэрэм сшхакъым.— Ауэ макъым къыжреІэр: «АфІэкІа хьэрэму жомыІэ, иджыпсту Алыхьым хьэлэлу жыхуиІэр». А макъыр щэней Пётр къопсалъэ. Абы къикІыр сытми Пётр егупсысыхукІэ, Корнилий къигъэкІуа лІыкІуэхэр къосри Пётр къыщІоупщІэр.

Пётр унащхьэм къохыжри жеІэр: «Сэ сы–мис. Сытыт фызыхуейр?» Пётр Корнилий и унэм яшэн хуейуэ мелыІычым къызэрыжриІар гурагъэІуа нэужь, ар кІуэну арэзы мэхъу. ЕтІуанэ махуэм Пётр и ныбжьэгъу гуэрхэр и гъусэу Корнилий деж кІуэну Кесарие йожьэ.

Корнилий и Іыхьлыхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ зэхуишэсат. Пётр къригъэблэгъэну ар къыщІокІ. Плъагъукъэ, лъэгуажьэмыщхьэу Пётр и пащхьэ щехуэхауэ абы щхьэщэ хуещІ. Ауэ Пётр идэкъым: «Къэтэдж. Сэри сы–цІыху къызэригуэкІыу аращ». Пэжщ, Библием дегъэлъагъур цІыхум и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу уитІысхьэу Алыхь хуэдэу бгъэлъапІэ зэрымыхъунур. Алыхь папщІэу бгъэлъапІэ хъунур Иеговэ и закъуэщ.

Иджы къызэхуэса псоми я пащхьэ Пётр къыщопсалъэ. «Солъагъур хуэлэжьэну хуей цІыху псори Алыхьым къызэрищтэр»,— жеІэри къыщІедзэ Пётр. И псалъэмакъым здыпищэм, Алыхьым и и дух лъапІэр къахурегъэхри, цІыхухэм бзэ зэрызкІэ псэлъэн щІадзэ. Пётр и гъусэу къэкІуа иудейхэм ящыщ еджакІуэхэм ар ягъэщІагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я гугъэт Алыхьым къищтэр иудейхэм я закъуэу. Аращи, къэхъуам абыхэм къагурегъаІуэ Алыхьым зы лъпкъыр адрей лъэпкъым нэхърэ нэхъыфІыу е нэхъыщхьэу зэримылъытэр. Ди дежкІэ нэхъыфІкъэ ар зыщыдмыгъэгъупщэмэ?