ЕЯНЭ ІЫХЬЭ
Къэхъун хуейуэ Библием щыжыІар къохъу
Библием блэкІам и закъуэ пэжу къыжиІэж къудейкъым, атІэ къэхъунури къыжеІэ. ЦІыхухэм къэхъунур къыжаІэфкъым. Абы къыдегъащІэ Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІар. Сыт–тІэ къэхъуну абы жиІэр?
Абы итщ Алыхьым и зауэшхуэм теухуауэ. А зауэшхуэм деж абы щІылъэм сыт хуэдэ Іейри, цІыху Іей псори тригъэкІыжынущ, къыхуэлажьэ цІыхури абы къыщихъумэнущ. Алыхьым тригъэува Хьисэ ищІынущ а цІыхухэм мамырыгъэрэ насыпрэ яІэу, афІэкІа зэикІ мысымаджэу, мылІэу.
ГуфІэгъуэшхуэкъэ–тІэ Алыхьым щІэрыщІэу жэнэт мы щІылъэм зэрыщищІыжынур? Ауэ а жэнэтым дэ дыщыпсэуну дыхуеймэ, абы щхьэкІэ зыгуэр тщІэн хуейщ. Мы тхылъым и иужьрей хъыбарым къыщытщІэнущ Алыхьым хуэлажьэ цІыхухэм яхуигъэхьэзыра хъугъуэфІыгъуэ телъыджэхэр къытлъысын щхьэкІэ, дэ тщІэн хуейр сытми. Абы щхьэкІэ ЕЯНЭ Іыхьэм къеджи къащІэ Библием къэкІуэнум щхьэкІэ жиІэр сытми.
МЫ ІЫХЬЭМ
114 ХЪЫБАР
Іейм кІэ къыхуокІуэ
Хьисэрэ абы и дзэмрэ щхьэ Алыхьым Армагеддон зауэм зэуэну игъакІуэрэ?
115 ХЪЫБАР
ЩІылъэр жэнэтыщІэ хъужащ
Зы зэман цІыхухэр жэнэтым щыпсэууэ щытащ. КъэкІуэну зэманым цІыхухэм Іэмал яІэнущ жэнэт хъужыну щІылъэм щыпсэуну.
116 ХЪЫБАР
Дауэ мыухыж гъащІэр къызэрытлъысынур
Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ пцІыху къудейкІэ зэфІэкІрэ? ЗэфІэмыкІмэ, сыт иджыри пщІэн хуейр?