116-НЭ ХЪЫБАР
Дауэ мыухыж гъащІэр къызэрытлъысынур
ПЛЪАГЪУРЭ мы хъыджэбз цІыкІур и ныбжьэгъухэм я гъусэу зэджэр сытми? Пэж дыдэщ, уэ иджыпсту узэджэ тхылъ дыдэращ — «Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр». Ахэри уэ узэджэ псалъащхьэ дыдэращ зэджэр — «Дауэ мыухыж гъащІэр къызэрытлъысынур».
ПщІэрэ абы иту къащІэр сытми? ИгъащІэкІэ дыпсэуну дыхуеймэ, псом япэ Иеговэрэ абы и Къуэ Хьисэрэ теухуауэ къэтщІэн хуейщ. Библием итщ: «Мис мыухыж гъащІэ узэриІэ хъунур: къащІэ Алыхь пэж закъуэмрэ щІылъэм къигъэкІуа и Къуэ Хьисэрэ теухуауэ».
Дауэ дэ Алыхь Иеговэрэ абы и Къуэ Хьисэрэ къызэрытцІыхуфынур? Япэ Іэмалыр: икІэм нэс еджэ «Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбырхэр» тхылъым. Пэж дыдэу куэд иткъэ абы Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ? Апхуэдэуи куэд итщ абыхэм ялэжьа икІи ялэжьыну Іуэхугъуэхэм теухуауэ. Ауэ дэ мы тхылъым деджэ къудей мыхъуу нэхъыбэІуэ тщІэн хуейщ.
Лъэгум деж щылъу иджыри зы тхылъ плъагъурэ? Ар Библиеращ. Мы тхылъым ит хъыбархэр къызыхэха пычыгъуэхэм БиблиемкІэ зыгуэр къегъаджэ. Абы тщІэн хуейр псори итщ, Алыхьым пэжу дыхуэлажьэу мыухыж гъащІэр къытлъысын щхьэкІэ. Аращи, Библием щІэх–щІэхыурэ еджэныр хьэл тхуэхъун хуейщ.
Ауэ Алыхь Иеговэрэ Хьисэрэ пщІэ къудейкІэ зэфІэкІкъым. Езыхэми, зыхурагъаджэми теухуауэ куэд пщІэ пэтми, мыухыж гъащІэр къыплъымысынкІэри хъунущ. ПщІэрэ иджыри пщІэн хуейр сытми?
КъэпщІам тету упсэун хуейщ. ПщІэжрэ Иудэ Искариот? Ар Хьисэ къыхиха апостол 12–м ящыщт. Иудэ куэд Іей ищІэт Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ. Ауэ сыт къыщыщІар? Зэман гуэр дэкІа нэужь ар щхьэхуэфІ хъури бийхэм Хьисэ яригъэубыдащ дыжьын ахъшэ 30–кІэ. Абы щхьэкІэ Иудэ мыухыж гъащІэр къылъысынукъым.
69–нэ хъыбарым зи гугъу щыщІыжа Гиезий пщІэжрэ? Абы зыригъэІэну хуеят и мыхьэпшыпрэ ахъшэрэ. Ахэр зыІэригъэхьэн щхьэкІэ абы пцІы иупсащ. Иеговэ абы щхьэкІэ тезыр трилъхьащ. Апхуэдэу дэри тезыр къыттрилъхьэнущ и унафэхэм демыдаІуэмэ.
Иеговэ пэжу хуэлэжьа цІыхуфІ куэди щыІащ. Абыхэм дарещхьыну дыхуейкъэ? ЩапхъэфІ дигъэлъэгъуащ Самуел цІыкІу. КъэщІэжыт, 55–нэ хъыбарым къызэрыщытщІащи, Самуел илъэсиплІ–тху хъуми арат Иеговэ и шэтырым къулыкъу щищІэн щыщІидзам. Аращи, илъэс дапщэ умыхъуами Иеговэ ухуэлэжьэну зэикІ пасэкъым.
ДауикІ дэ псори дыхуейщ Хьисэ дыдэплъеину. 87–нэ хъыбарым къыщытщІащ иджыри щІалэщІэ дыдэу Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щІэсу цІыхухэм уафэм щыІэ и Адэм язэрыхутепсэлъыхьар. ИІэ, абы зэрищІам хуэдэу дыгъэщІ. ИІэ, зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэІуэм яжедгъыІэ ди АлыхьыфІ дыдэ Иеговэрэ абы и Къуэ Хьисэрэ ятеухуауэ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ дыщыпсэунущ щІылъэм щыІэну Алыхьым и жэнэтым.