115-НЭ ХЪЫБАР
ЩІылъэр жэнэтыщІэ хъужащ
ЕПЛЪЫТ, мы жыгышхуэхэм, удз гъэгъа дахэхэм, бгы лъагэхэм. Дахащэкъэ? Еплъыт, щыхь цІыкІур щІалэ цІыкІум и Іэгум зэришхыкІым. МодэкІэ, хъупІэм, аслъэнхэр щылъщ, шыхэр щохъуакІуэ. Ухуейтэкъэ мыпхуэдэ щІыпІэ дахэм деж щыт унэм ущыпсэуну?
Алыхьыр хуейщ уэ мыухыж гъащІэр уиІэу, мы щІылъэм щыІэну жэнэтым ущыпсэуну. Ар хуейкъым иджы щыІэ цІыхухэм хуэдэу уэ зыгуэр къоузыну. ЖэнэтыщІэм щыпсэунухэр мис Библием къызэригъэгугъэр: «Алыхьыр абыхэм я гъусэнущ. АфІэкІа лІэныгъи, гъы макъи, узи щыІэжынукъым. Япэм щыІар блэкІащ».
Хьисэ а зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр ищІынущ. ПщІэрэ дапщэщми? Пэж дыдэщ, щІылъэм Іейуэ щыІэмрэ цІыху Іейхэмрэ тригъэкІыжмэщ. ПщІэжрэ Хьисэ щІылъэм щыщыІам щыгъуэ сыт хуэдэ узыфэри хуэгъэхъужт, лІа нэгъуни къигъэтэджыжт. Ахэр щищІэм щыгъуэ Хьисэ къигъэлъэгъуауэ арат Алыхьым тригъэува Пащтыхьу щытепщэнум деж ищІэнур сытми.
Уи нэгу къыщІэгъэхьэт — сыту фІыщэ щІылъэм щыІэну а жэнэтым ущыпсэуну! Хьисэрэ абы къыхиха цІыху гупымрэ уафэм унафэ къращІыкІынущ. А унафэщІхэм щІылъэм щыпсэу дэтхэнэми ифІ зэрахуэнущ, насыпыфІэу зэрыщытыным хэтынущ. Иджы къэтщІэнти тщІэн хуейр сытми, Алыхьым тыгъэ къытхуищІыну жэнэтыщІэм щыІэну мыухыж гъащІэр къытлъысын щхьэкІэ.