Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЯПЭ ІЫХЬЭР

Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу

Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу

«Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщІам щІэдзапІэм деж цІыхухэр „цІыхухъурэ цІыхубзу къигъэщІащ“» (Маттэ 19:4).

Япэ унагъуэр зыухуар Алыхь Иеговэщ a. Библием щыжыІащ япэ цІыхубзыр Алыхьым къигъэщІа иужь ар цІыхухъум къыхуишауэ. Іэдэм апхуэдизкІэ гуфІати, мыпхуэдэу жиІащ: «Мыр си пкъым щыщ къупщхьэщ, си лым щыщ лыщ» (ЩІэдзапІэ 2:22, 23). Ноби унагъуэ зиІэхэр насыпыфІэу щытыну Иеговэ хуейщ.

ЦІыхухэм унагъуэ щаухуэм деж ахэр гугъуехьыншэу, насыпыфІэ дыдэу зэдэпсэуну щогугъ. Ауэ зэщхьэгъусэхэр фІыуэ зэрылъагъуу щытми, ахэр гугъуехь гуэр пэщІэмыхуэу къэнэнукъым (1 Коринф 7:28). Мы брошюрэм Библием ит принципхэр къыщыхьащ икІи зэщхьэгъусэхэр абыхэм тету щытмэ, я унагъуэр насыпыфІэ ящІыфынущ (Псалом 19:8—11).

1 ИЕГОВЭ КЪЫВИТА КЪАЛЭНЫР ВГЪЭЗАЩІЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: ЛІыр — унагъуэм и нэхъыжьщ (Ефес 5:23).

Иеговэ цІыхухъум щогугъ абы лъагъуныгъэ хэлъу и щхьэгъусэр зыхуей хуигъэзэну (1 Петр 3:7). Алыхьыр хуейщ цІыхухъум дэІэпыкъуэгъу хуэхъун щхьэкІэ къигъэщІа цІыхубзыр абы фІыуэ илъагъуну икІи пщІэ хуищІыну (ЩІэдзапІэ 2:18). Зи щхьэгъусэр пэж дыдэу фІыуэ зылъагъу цІыхухъум езыр зыхуейр япэ иримыгъэщу, и щхьэгъусэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщынущ (Ефес 5:25—29).

Иеговэ хуейщ цІыхубзхэм я щхьэгъусэхэм пщІэ хуащІыну икІи цІыхухъухэм унагъуэм щаІэ къалэныр ягъэзэщІэну ядэІэпыкъуну (1 Коринф 11:3; Ефес 5:33). ЦІыхубзым и щхьэгъусэм ищІ унафэхэр диІыгъын икІи и гум къыбгъэдэкІыу дэІэпыкъун хуейщ (Колоссэ 3:18). Абы щыгъуэ ар Иеговэ дежкІи, и щхьэгъусэм дежкІи дахэу щытынущ (1 Петр 3:1—6).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Нэхъ щхьэгъусэфІ ухъун щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунуми уи щхьэгъусэм еупщІ. Уи щхьэгъусэм жиІэм фІыуэ едаІуи, абы къыбжиІар зэрызыхэплъхьэным хущІэкъу

  • ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. Зым зыр насыпыфІэ фщІыуэ зевгъэсэн щхьэкІэ зэман гуэр фыхуеинущ

2 УИ ЩХЬЭГЪУСЭМ И ГУРЫЩІЭХЭМ ЕГУПСЫС

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: Уи щхьэгъусэм ифІ къызэрыплъыхъуэным хущІэкъу (Филиппи 2:3, 4). Уи щхьэгъусэм егъэлъагъу ар лъапІэу зэрыплъытэр. Иеговэ и лэжьакІуэр цІыху псоми щабэу зэрыхущытын хуейр зыщывмыгъэгъупщэ (2 Тимофей 2:24). «Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэ жыІэпхъаджэщ — укъеуІэ, цІыху Іущ и псалъэр Іэзэгъуэ зыхэлъ хущхъуэм хуэдэщ» (Притчи 12:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы къыхэкІкІэ зыгуэр жыпІэн ипэ фІыуэ уегупсысын хуейщ. Иеговэ и къару лъапІэр къыбдэІэпыкъунущ щабэу, лъагъуныгъэ хэлъу упсэлъэну (Галатие 5:22, 23; Колоссэ 4:6).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уи щхьэгъусэм и гъусэу мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэ гуэрым утепсэлъыхьын ипэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, укъэмыгубжьу упсэлъэфын икІи уи щхьэгъусэм жиІэну зыхуейр зэхэпхын щхьэкІэ

  • Упсэлъэн ипэ жыпІэнумрэ ар зэрыжыпІэну щІыкІэмрэ фІыуэ егупсыс

3 ЗЭАКЪЫЛЭГЪУУ ФЫЩЫТ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: Фэ фыщызэрышам щыгъуэ «тІури зыпкъ» фыхъуащ (Маттэ 19:5). Ауэ фэ фызэрыщытам хуэдэу цІыху зэмыщхьитІу фыкъонэж икІи фи Іуэху еплъыкІэхэр зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ фэ зэакъылэгъуу фызэрыщытыным фыхущІэкъун хуейщ (Филиппи 2:2). Унафэ къыщыфщтэм деж фи зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэлъын хуейщ. Библием щыжыІащ: «Чэнджащэм и мурадыр къехъулІэнущ» (Притчи 20:18). Мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр зэгъусэу къыщыфщтэм деж Библием ит принципхэм фытет (Притчи 8:32, 33, Гъэс.).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уи щхьэгъусэм узэрыдэгуэшэн хуейр уи еплъыкІэм и закъуэкъым, атІэ уи гурыщІэхэри жепІэн хуейщ

  • Зыгуэр уи пщэм дэплъхьэжын ипэ уи щхьэгъусэм ечэнджэщ

a Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ.