4-НЭ ІЫХЬЭР
Ахъшэр зэрызэбгъэзэхуэну щІыкІэр
«Чэнджащэм и мурадыр къехъулІэнущ» (Притчи 20:18).
Унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ ахъшэ ухуейщ (Притчи 30:8). Библием зэрыжиІэмкІэ, ахъшэм укъехъумэ (Экклезиаст 7:12). Зэщхьэгъусэхэр ахъшэм теухуауэ зэпсэлъэну тыншу щымытынкІэ хъунущ, ауэ ахъшэм унагъуэм псалъэмакъ кърилъхьэху Іуэхур нэгъэсын хуейкъым (Ефес 4:32). Ахъшэр зытрагъэкІуэдэным теухуауэ зэщхьэгъусэхэм унафэ щащІкІэ дзыхь зэхуащІу икІи зым жиІэм адрейр едаІуэу щытын хуейщ.
1 АХЪШЭР ЗЫТЕВГЪЭКІУЭДЭНЫР СЫТМИ ТЕВУХУЭ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищІын хуей хъумэ, япэщІыкІэ тІысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иІэрэ имыІэрэ зригъэщІэн хуейкъэ?» (Лука 14:28). Ахъшэр зытевгъэкІуэдэным теухуауэ унафэ зэгъусэу фщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Амос 3:3). Сытым фыхуэныкъуэми икІи абы дапхуэдиз ахъшэ тевгъэкІуэдэфынуми унафэ фщІы (Притчи 31:16, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ахъшэ узэриІэм щхьэкІэ узыхуэмей гуэр къомыщэху. ЩІыхуэ зэрызытевмыгъэхуэным фыхущІэкъу. Къыфхэхъуэм нэхърэ нэхъыбэ фымыгъэкІуэд (Притчи 21:5; 22:7, Гъэс.).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Мазэм и кІэм деж ахъшэ къыфхуэнауэ щытмэ, абы ефщІэным теухуауэ зэгъусэу унафэ фщІы
-
Ахъшэ фиІэр фхуримыкъуауэ щытмэ, ахъшэ вгъэкІуэдыр нэхъ мащІэ зэрыфщІыным фегупсыс. Псалъэм папщІэ, пщэфІа хьэзыр къэвмыщэхуу, фэ езыр фыпщафІэу щытмэ, фи ахъшэр нэхъ хъума хъуну къыщІэкІынщ
2 ПЦІЫ ЗЭХУЭВМЫУПС ИКІИ АХЪШЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Зым зым пэжыр зэжефІэ» (Захария 8:16). Къэвлэжьымрэ вгъэкІуэдымрэ фи щхьэгъусэм щывмыбзыщІ.
Ахъшэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къыщыпщтэм деж Іэмал имыІэу уи щхьэгъусэм ечэнджэщ (Притчи 13:10). Зэщхьэгъусэхэр ахъшэм теухуауэ зэрызэпсалъэм и фІыгъэкІэ унагъуэм мамырыгъэ илъынущ. Уэ къэблэжьыр зейр уи мызакъуэу, атІэ унагъуэм ейуэ къэлъытэ (1 Тимофей 5:8).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Щхьэж ахъшэ дапщэ игъэкІуэд хъунуми фегупсыс
-
Ахъшэм теухуауэ фызэпсэлъэн щхьэкІэ, зэгурымыІуэныгъэ гуэр къэхъеиным фежьэн хуейкъым