5-НЭ ІЫХЬЭР
Зэщхьэгъусэхэр я адэ-анэхэм зэрадэгъуэгурыкІуэ хъуну щІыкІэр
«ФІыгъуэри [«гуапагъэри», ДЩІ], мыпэгэнри, гущабагъэри, шыІэныгъэри фи гум ивгъэлъ» (Колоссэ 3:12).
Нэчыхь щатхым деж унагъуэщІэ къоунэху. Уэ уи адэ-анэр сыт щыгъуи фІыуэ плъагъунущ икІи пщІэ яхуэпщІынущ, ауэ иджы уи дежкІэ хэт нэхъри нэхъапэ хъур уи щхьэгъусэращ. Адэ-анэр абы занщІэу емысэнкІэ хъунущ. Ауэ Библием ит принципхэр фэ къывдэІэпыкъунущ фи адэ-анэхэм фадэгъуэгурыкІуэну икІи фи унагъуэр нэхъ быдэ фщІыну.
1 АДЭ-АНЭХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Уи адэмрэ уи анэмрэ щІыхь яхуэщІ» (Ефес 6:2). Уэ уи ныбжьыр сытым нэмысами, уи адэ-анэм пщІэ яхуэпщІын хуейщ. Абы нэмыщІ уэ зыщыбгъэгъупщэн хуейкъым уи щхьэгъусэри зыгуэрым зэрибыныр икІи абы и адэ-анэм гулъытэ хуищІыну зэрикъалэныр. Уи щхьэгъусэм и адэм е и анэм гулъытэ зэрыхуищІым уризэгуэпыным лъагъуныгъи Іущагъи хэлъкъым (1 Коринф 13:4, ДЩІ; Галатие 5:26).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Мыпхуэдэу узэрымыпсэлъэным иужь ит: «Уи адэ-анэм увыІэгъуэ ямыІэу фІэгъэнапІэ ящІын гуэр къалъыхъуэ» е «Уи анэр зэи арэзы пхуэщІынукъым»
-
Уи щхьэгъусэм иІэ еплъыкІэр къызэрыпщІэным хущІэкъу
2 УНАФЭ ФЩІАМ БЫДЭУ ФЫТЕТ
БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЛІыр адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдзапІэ 2:24). Фэ фызэрыша нэужьи фи адэ-анэхэм фэр щхьэкІэ иджыри къыздэсым жэуап яхьу егупсысу, фи унагъуэ Іуэхухэм къыхэІэбэу щІадзэнкІэ хъунущ.
Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ унафэ фщІын хуейщ фи унагъуэ Іуэхухэм адэ-анэхэр дапхуэдизкІэ къыхэІэбэ хъунуми икІи ар щабэу къагурывгъэІуэн хуейщ. КъехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу упсэлъэным къикІкъым пхъашэу упсалъэ хъуну (Притчи 15:1, Гъэс.). Іэдэбагъыр, щабагъыр, шыІэныгъэр къывдэІэпыкъунущ фи адэ-анэхэм фІыуэ фахущытыну икІи лъагъуныгъэ сыт щыгъуи вгъэлъэгъуэну (Ефес 4:2).
ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:
-
Фи адэ-анэхэр фи унагъуэм къыхэІэбэу къыпщыхъуу щытмэ, уи щхьэгъусэм абы теухуауэ щабэу епсалъэ
-
ФызэгурыІуэ сыт фщІэнуми икІи дауэ зыфщІынуми