Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

14-НЭ УРОК

ЩІылъэ псом и тепщэу щытыну Пащтыхьыгъуэр

ЩІылъэ псом и тепщэу щытыну Пащтыхьыгъуэр

КъэпщІауэ пІэрэ сыт хуэдэ Пащтыхьыгъуэм и гугъу тщІыми?~ Ар дуней псор жэнэт зыщІыну Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. А Пащтыхьыгъуэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуейт?~

Дэтхэнэ зы пащтыхьыгъуэми пащтыхь иІэщ. Ар и пащтыхьыгъуэм щыпсэухэм и тепщэу щытщ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьыр хэтми пщІэрэ?~ Ар Хьисэ Мэссихьщ. Ар уафэм щопсэу. ИкІи щІылъэм щыпсэу цІыху псоми куэд мыщІэу я тепщэ хъунущ! Дауэ уеплърэ, Хьисэ щІылъэ псом и Пащтыхь хъумэ насыпыфІэу дыпсэуну?~

Жэнэтым щыІэну гъащІэм ущегупсысым деж, сыт плъэгъуну нэхъ узыхуейр?

НасыпыфІэ дыдэу дыпсэунущ! Жэнэтым зауэ щыІэнукъым, цІыхухэр фІыуэ зэрылъагъуу псэунущ. Зыри сымаджэнукъым икІи лІэнукъым. Нэфхэм я нэхэр къэплъэжынущ, дэгухэм зэхахыу хъужынущ икІи къэзымыкІухьыфу щытахэр къажыхьу, дэпкІей-дэлъейуэ хъужынущ. ЦІыху псоми шхын ІэфІ куэд яІэнущ. Псэущхьэхэр зэзэгъыу икІи цІыхухэм мамыру дэпсэунущ. ЛІахэр къэтэджыжынущ. Мы брошюрэм къыщыпцІыхуа цІыху куэди къэхъужынущ, псалъэм папщІэ Ребе́ккэ, Раха́в, Иля́с, Дау́т. Ухуейт уэ ахэр плъэгъуну?~

Иеговэ уэ фІыуэ уелъагъу, икІи ар хуейщ насыпыфІэ ухъуну. АдэкІи Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къапщІэмэ икІи жиІэм уедаІуэмэ, жэнэт дахэм мыухыж гъащІэ уиІэу ущыпсэуфынущ! Ухуейт уэ абы ущыпсэуну?~