Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2-НЭ УРОК

Ребе́ккэ Иеговэ игъэгуфІэну хуейт

Ребе́ккэ Иеговэ игъэгуфІэну хуейт

Ребеккэ Иеговэ фІыуэ зылъагъу цІыхубзу щытащ. Абы и щхьэгъусэм и цІэр Исхьэ́кът. Абыи Иеговэ фІыуэ илъагъут. Иджы зэгъусэу дегъэплъ Ребеккэрэ Исхьэкърэ зэрызэрыцІыхуам, икІи Ребеккэ Иеговэ игъэгуфІэну зэрыхуейр зэригъэлъэгъуар къэдгъащІэ.

Ибрэхьи́мрэ Са́рэрэ Исхьэкъ и адэ-анэу щытащ. Ахэр зэрыунагъуэу Ханаа́н щІыналъэм щыпсэут. Абы щыпсэу цІыхухэр Иеговэ хуэлажьэртэкъым. Ауэ Ибрэхьим хуейт Иеговэ хуэлажьэ цІыхубз и къуэм къишэну. Аращ Исхьэкъ щхьэгъусэ къыхуигъуэтын щхьэкІэ и унэІут ЕлиІэзэ́р Хара́н къалэм щІигъэкІуар. А къалэм Ибрэхьим и Іыхьлыхэр дэст.

Ребеккэ егугъуу махъшэхэр псы иригъафэрт

ЕлиІэзэр Ибрэхьим адрей и унэІутхэм и гъусэу гъуэгуанэ теуващ. Ар гъуэгуанэ кІыхьт. Абы тыгъэхэмрэ гъуэмылэмрэ махъшипщІым трилъхьэри ежьащ. Ауэ дауэт ЕлиІэзэр къызэрищІэнур Исхьэкъ сыт хуэдэ хъыджэбзыр щхьэгъусэфІ хуэхъунуми? Харан нэса нэужь, ЕлиІэзэррэ абы и гъусэхэмрэ псыкъуийм деж къыщыувыІащ. ЕлиІэзэр ищІэрт куэд дэмыкІыу цІыхухэр псыхьэ къызэрыкІуэнур. Абы щыгъуэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъэзащ: «Псы сегъафэ жысІэу сызэлъэІур икІи сэри си махъшэхэри псы езыгъафэр уэ къыхэпхарауэ щрет».

Арати, псыкъуийм Ребеккэ къыбгъэдохьэ. Библием жеІэ ар икъукІэ хъыджэбз дахэу щытауэ. ЕлиІэзэр абы псы къритыну щелъэІуам, хъыджэбзым жиІащ: «Хъунщ, уезгъэфэнщ, уэри уи махъшэхэми псы къыфхуисхынщ». Уи нэгу къыщІэгъэхьэт махъшэхэм дапхуэдиз псы ирафыфынуми! Абы къыхэкІыу, Ребеккэ псыкъуийм куэдрэ бгъэдэлъэдэн хуей хъуащ, псы кърихын щхьэкІэ. Сурэтым еплъыт: плъагъурэ ар егугъуу зэрылажьэр?~ ЕлиІэзэр игъэщІэгъуат Иеговэ и лъэІум жэуап къызэрырита щІыкІэр.

ЕлиІэзэр а хъыджэбзым тыгъэ дахэ куэд иритащ. Ребеккэ ари Ибрэхьим адрей и унэІутхэри и адэм и унэм къригъэблэгъащ. ЕлиІэзэр жиІэжащ, ар Ибрэхьим къыщІигъэкІуар икІи Иеговэ и лъэІум жэуап къызэрырита щІыкІэр. Ребеккэ и Іыхьлыхэр ар Исхьэкъ щхьэгъусэу иратыну арэзы техъуащ.

Ребеккэ ЕлиІэзэр и гъусэу Ханаан кІуащ, Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъун щхьэкІэ

Дауэ уеплърэ, Ребеккэ Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъуну хуейуэ пІэрэт?~ Ребеккэ ищІэт Иеговэ ЕлиІэзэр къызэригъэкІуар. Аращ абы, Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъун щхьэкІэ Ханаан щІыналъэм кІуэну хуейрэ хуэмейрэ къащІэну къыщеупщІам щыгъуэ, щІыжиІар: «НтІэ, сыкІуэнущ». ЗимыІэжьэу ар ЕлиІэзэр и гъусэу гъуэгу теуващ. Ханаан нэса нэужь, ар Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъуащ.

Ребеккэ Иеговэ зыхуейр ищІащ, абы къыхэкІыу Иеговэ абы и нэфІ щыхуащ. Абы нэмыщІ, Хьисэ Мэссихь Ребеккэрэ Исхьэкърэ къытехъукІащ! Иеговэ уэри и нэфІ къыпщыхуэнущ, ар бгъэгуфІэм икІи Ребеккэ щапхъэ тепхым.

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ