2 ПРИЛОЖЕНИЕР
Псалъэмакъым пыпщэн хуейуэ пІэрэ?
ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэну зыгуэркІэ къыдэупщІмэ е зыгуэр къыгурыдгъэІуэну къыдэлъэІумэ, дауикІ, дэ псалъэмакъым пытщэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхуу» къыщІэкІынкІэ хъунущ (Апост. 13:48).
Ауэ цІыхур къэгубжьамэ, къыдэдауэмэ е къыдэпсэлъэну хуэмеймэ-щэ? Абы щыгъуэ укъэмыгубжьу, гуапэу псалъэмакъыр быух хъунущ (Прит. 17:14, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЦІыхум фІыкІэ узэрыбгъэдэкІыжыным хущІэкъу. Абы и фІыгъэкІэ ар иужькІэ къыдэпсэлъэну къыщІэкІынщ (1 Пет. 2:12).