ЦІЫХУМ ЯПЭУ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ
3 УРОКЫР
Гуапагърэ щабагърэ зыхэгъэлъ
Библием ит принципыр: «ФІылъагъуныгъэм... гущІэгъу иІэщ» (1 Кор. 13:4).
Хьисэ и щапхъэр
1. ВИДЕОМ еплъ е Иуан 9:1—7 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:
-
1) Сыт Хьисэ япэщІыкІэ ищІар: цІыхухъу нэфыр игъэхъужа хьэмэрэ хъыбарыфІымкІэ абы дэгуэша? (Иуан 9:35—38 итым еплъ.)
-
2) Дауэ уеплърэ, цІыхухъур хъыбарыфІым едэІуэну а Іуэхугъуэм сыт щІыхуигъэушар?
Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр
2. Гуапэу дызэрыхущытыр цІыхум илъагъумэ, дэ жетІэну дызыхуейм ар нэхъ ифІэфІу къедэІуэнущ.
Хьисэ щапхъэ тех
3. ГущІэгъурэ зэхэщІыкІрэ зыхэгъэлъ. ЦІыхур зэрызэхэпщІыкІыным хущІэкъу, абы и пІэ зигъэувэ.
-
1) Егупсыс: «Мы цІыхур сыту пІэрэ зыгъэгузавэр? Сыту пІэрэ абы фІэгъэщІэгъуэн хъунур? Сыт хуэдэ гупсысэ абы сэбэп хуэхъунур?» Ар къыбдэІэпыкъунущ цІыхур къыпфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр икІи уи гум фІы абы зэрыхуилъыр ебгъэлъэгъуну.
-
2) ЦІыхум фІыуэ уедаІуэмэ, абы ебгъэлъэгъунущ уэ ар зэрызэхэпщІыкІыр. Абы и гум щыщІэмкІэ къыбдэгуашэмэ е зыпэщІэхуа гугъуехь гуэрым тепсэлъыхьын щІидзэмэ, нэгъуэщІ темэ утемыхьэ.
4. Щабэу икІи пщІэ хэлъу псалъэ. ЦІыхум гурэ псэкІэ узэрыхуэгузавэр икІи удэІэпыкъуну узэрыхуейр уи псэлъэкІэм къыхэщынущ. Аращи, жыпІэмрэ ар зэрыжыпІэ щІыкІэмрэ кІэлъыплъ икІи цІыхум и гум еуэн псалъэхэр жумыІэ.
5. ДэІэпыкъуэгъу ухъуну хьэзыру щыт. Іуэху гуэркІэ сэбэп ухъуфыну гу лъыптауэ пІэрэ? ГукъэкІ пхэлъу цІыхум зыгуэркІэ удэІэпыкъумэ, абы ар къодэІуэну хуигъэушыфынущ.