Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ ЯПЭУ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

5 УРОКЫР

ПщІэ хэлъу псалъэ

ПщІэ хэлъу псалъэ

Библием ит принципыр: «Фи псалъэхэр ирегуапэ» (Кол. 4:6).

Паул и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Апостолхэм 17:22, 23 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Паул тхьэ нэпцІ сурэтхэр Афинэ къалэм дэзу щилъэгъуам сыт зыхищІар? (Апостолхэм 17:16 итым еплъ.)

  2.  2) Паул илъэгъуар дауэ къызэригъэсэбэпар Афинэ дэсхэм хъыбарыфІымкІэ дэгуэшэн щхьэкІэ?

Паул и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. ФІыуэ дегупсысауэ псалъэхэр къыхэтхмэ икІи ахэр зэрыжытІэну щІыкІэмрэ щыжытІэну зэманымрэ дегупсысмэ, цІыхур нэхъ къыдэдэІуэну къыщІэкІынущ.

Паул щапхъэ тех

3. Хэплъыхьауэ псалъэхэр къыхэх. Псалъэм папщІэ, Библиер зи фІэщ мыхъу цІыхухэм ущепсалъэкІэ «Хьисэ Мэссихь», «Библие» псалъэхэр къомыгъэсэбэпмэ нэхъыфІщ.

4. ЦІыхур зэрыщыуэр къыгурыбгъэІуэжыну умыпІащІэ. ЦІыхум и еплъыкІэр хуиту жиІэну Іэмал ет. Абы Библием темыхуэ гуэр жиІэмэ, упэрыуэну дапхуэдизу ухуэмеями, уедэуэну ухэмыт (Екъуб 1:19). ЦІыхум жиІэм фІыуэ уедаІуэмэ, уэ къыбгурыІуэнущ абы и фІэщ хъур икІи ар и фІэщ щІэхъур (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).

5. Къыщезэгъым деж цІыхум жиІэм арэзы техъуэ икІи абы щытхъу. Дэтхэнэ зыми и диным зыхуригъаджэр пэжу къелъытэ. Фи еплъыкІэхэр зэрызэтехуэ гуэр къэгъуэти, Библием зыхуригъаджэмкІэ цІыхум хуэм-хуэмурэ дэгуашэ.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ