Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ КЪЫТЕБГЪЭЗЭЖУРЭ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

7 УРОКЫР

ЦІыхухэм уащыдэІэпыкъукІэ уи Іэр йомыхьэх

ЦІыхухэм уащыдэІэпыкъукІэ уи Іэр йомыхьэх

Библием ит принципыр: «Тхьэм и псалъэхэр ирагъащІэ, хъыбарыфІыр... цІыхухэм хуаІуатэ зэпытт махуэ къэс» (Апост. 5:42).

Паул и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Апостолхэм 19:8—10 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) КъызэрыпэщІэувэм емылъытауэ Паул пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэм ядэІэпыкъун къызэримыгъэнар сыт къызыхэщыр?

  2.  2) ХъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм деж Паул дапхуэдизрэ икІи сыт хуэдиз зэманым къриубыдэу тригъэзэжа?

Паул и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. Пэжыр цІыхум фІэгъэщІэгъуэн щытщІын икІи Библиер и гъусэу дджын щІэддзэн щхьэкІэ ди зэманми ди къаруми дыщысхьын хуейкъым.

Паул щапхъэ тех

3. ЦІыхур нэхъ щыхущІыхьэм деж кІуэ. Егупсыс: «Дапщэщ икІи дэну пІэрэ дыщызэпсэлъэфынур?» Уэ нэгъуэщІ зэманым нэхъ къэпщтэнуми, а цІыхум жыхуиІа зэманым узэрыкІуэным хущІэкъу.

4. ИужькІэ фыщызэпсэлъэфынур къащІэ. ФызэбгъэдэкІыжын ипэ етІанэгъуэгу фыщызэхуэзэну зэманыр тевухуэ. УкІуэну е хуэпщІу уепсэлъэну къэбгъэгугъамэ, уи псалъэм тетыж.

5. Гугъэр хыумыхыж. ЦІыхур унэм щІэсу куэдрэ къыпхуэмыгъуэтмэ е хущІэмыхьэу щІэх-щІэхыурэ жиІэмэ, уимыгугъэ абы Библиер фІэмыгъэщІэгъуэну (1 Кор. 13:4, 7). Ар къызэрыбгъуэтыным къару ехьэлІэ, ауэ уи зэманыр Іущагъ хэлъу къызэрыбгъэсэбэпын хуейри зыщумыгъэгъупщэ (1 Кор. 9:26).