Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЦІЫХУМ КЪЫТЕБГЪЭЗЭЖУРЭ УЩЕПСАЛЪЭКІЭ

9 УРОКЫР

ЦІыхур зэрызэхэпщІыкІыным хущІэкъу

ЦІыхур зэрызэхэпщІыкІыным хущІэкъу

Библием ит принципыр: «ГуфІэхэм фадэгуфІэ, гъыхэми фадэгъ» (Рим 12:15).

Хьисэ и щапхъэр

1. ВИДЕОМ еплъ е Марк 6:30—34 итым къеджи, мы упщІэхэм егупсыс:

  1.   1) Хьисэрэ абы и апостолхэмрэ щІыпІэ пхыдза гуэрым сытыт я закъуэу щІэкІуар?

  2.  2) Хьисэ цІыху гупышхуэр иригъэджэну сыт хуэзыгъэушар?

Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэр

2. ЦІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дазэрыдэгуашэм нэмыщІ дэ абыхэм я гурыщІэхэр зэхэтщІыкІыну дыхуейщ.

Хьисэ щапхъэ тех

3. ЦІыхум жиІэм фІыуэ едаІуэ. Aбы и еплъыкІэр къыбжиІэну, и гум илъыр къыпхуиІуэтэну Іэмал ет. ЦІыхур зыгъэгузавэ гупсысэхэмкІэ икІи и гурыщІэхэмкІэ къыбдэгуашэмэ, ар зэпумыуд икІи нэгъуэщІ темэм утемыхьэ. Апхуэдэу уэ къэбгъэлъэгъуэнущ цІыхур къыпфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр.

4. Езы цІыхум егупсыс. А цІыхумрэ уэрэ япэм фызэрызэпсэлъам егупсыси, мыпхуэдэ упщІэхэр зэтыж:

  1.   1) Библием ит пэжыр абы къищІэну мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  2.  2) ЦІыхум Библиер иджын щІидзэмэ, иджыпстуи къэкІуэну зэманми и гъащІэр дауэ абы нэхъыфІ зэрищІынур?

5. ЦІыхум сэбэп хуэхъун гупсысэхэмкІэ дэгуашэ. Абы и упщІэхэм я жэуапхэмрэ гъащІэм сэбэп къыхуэхъун чэнджэщхэмрэ къигъуэтыну Библие джыныр къызэрыдэІэпыкъунур нэхъ псынщІэу егъэлъагъу.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМИ ЕПЛЪ