Материал нэхъыщхьэм ихьэн

БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ

Абыхэм «налкъутналмэс лъапІэ» къагъуэтащ

Абыхэм «налкъутналмэс лъапІэ» къагъуэтащ

 Хьисэ хуригъаджэт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэмыщІ, нэгъуэщІым зыми дуней псом щыІэ гугъуехьхэм кІэ зэрыримытыфынум (Маттэ 6:10). Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжым и лъапІагъэр къызыхэщ ущие хъыбаритІ Хьисэ жиІэжауэ щытащ. Ахэр Маттэ 13:44—46 итщ:

  •   хьэсэм щылажьэ цІыхухъум абы щыгъэпщкІуа мылъкушхуэр къызэригъуэтам теухуа ущие хъыбар;

  •   налкъутналмэс дэгъуэхэр къэзылъыхъуэ сатуущІэм налкъутналмэс лъапІэ къызэригъуэтам теухуа ущие хъыбар.

 ЦІыхухъутІми яІэ псор ящэжащ, къагъуэта налкъутналмэс лъапІэр къащэхун щхьэкІэ. А цІыхухъуитІым хэт къагъэлъагъуэр? Пащтыхьыгъуэр лъапІэу зылъытэ икІи абы щхьэкІэ куэдым зыхуэзыгъэныкъуэну хьэзыр цІыхухэращ (Лука 18:29, 30). Хьисэ жиІэжа ущие хъыбархэм хэта цІыхухъуитІым хуэбгъадэ хъуну зы цІыхухъумрэ зы цІыхубзымрэ теухуауэ мы видеом къыщытщІэнущ.