Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Иеговэ и Щыхьэтхэм ирагъэкІуэкІ курсыр зищІысыр сыт?

Иеговэ и Щыхьэтхэм ирагъэкІуэкІ курсыр зищІысыр сыт?

 Библием узэрырагъаджэр дауэ зэрекІуэкІыр?

 Уезыгъаджэм и гъусэу Библиер темэ-темэкІэ гуэшауэ бджынущ. «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ курсым и фІыгъэкІэ уэ хуэм-хуэмурэ къэпщІэнущ Библием зыхуригъаджэмрэ а щІэныгъэр уи гъащІэм сэбэп къызэрыщыпхуэхъунумрэ. Курсым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, мы видеом еплъ.

 Курсым ахъшэ щІэстын хуей?

 Хьэуэ. Иеговэ и Щыхьэтхэм Хьисэ Мэссихь къытхуигъэна унафэр ягъэзащІэ: «Абы фэ пщІэ щІэфтакъым, фэри пщІэ къеІывмых» (Маттэ 10:8). Библиери «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъри пщІэншэщ.

 Дапхуэдиз зэман курсыр зэрекІуэкІыр?

 Курсыр урок 60 зэхэлъщ. Абы текІуэдэну зэманыр нэхъыбэу зэлъытар уэращ. Куэдым ягу ирохь тхьэмахуэм зы урок е урок зыбжанэ яджыну.

 ЯпэщІыкІэ сыт сщІэн хуейр?

  1.  1. Онлайн-заявкэ къытхуэгъанэ. Абы дыщІыхуейр зыныпытщІэн щхьэкІэщ.

  2.  2. ЕгъэджакІуэм зыныппищІэнущ. Уезыгъэджэнум курсым теухуауэ нэхъыбэ къыбжиІэнущ икІи уи упщІэхэм жэуап иритынущ.

  3.  3. Узэреджэну щІыкІэм теухуауэ уезыгъэджэнум гурыІуэ. Уеджэ хъунущ уи деж къакІуэу, телефонкІэ, видеосвязкІэ, письмокІэ е электроннэ пощткІэ. Зы еджэгъуэм зы сыхьэт текІуадэ хабзэщ. Ауэ абы е нэхъ мащІэ е нэхъыбэ тебгъэкІуадэ хъунущ, ар зэлъытар зэрыпхущІыхьэращ.

 ЯпэщІыкІэ япэ урокищым седжэу сеплъ хъуну?

 Хъунущ. Абы щхьэкІэ онлайн-заявкэ къытхуэгъанэ. ЕгъэджакІуэм зыкъыппищІа иужь жеІэ, курсыр уигу ирихьрэ иримыхьрэ уеплъын щхьэкІэ, япэщІыкІэ япэ урокищым уеджэну узэрыхуейр. Курсым и япэ урокищыр «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэм итщ икІи ар уи егъэджакІуэм иІэщ.

 Библием сызэреджэм къикІрэ Іэмал имыІэу Иеговэ и Щыхьэт сыхъун хуейуэ?

 Хьэуэ. Иеговэ и Щыхьэтхэм ягу ирохь цІыхухэр Библием ирагъэджэну, ауэ дэ дызытет диныр къищтэну зыри хэдгъэзыхькъым. Дэ цІыхум идогъэлъагъу Библием зыхуригъаджэр, ауэ сытыр и фІэщ хъунуми езы цІыхуращ унафэ зыщІыр (1 Петр 3:15).

 Си унэм щІэлъ БиблиемкІэ седжэ хъуну?

 НтІэ, хъунущ. Сыт хуэдэ БиблиекІи уеджэ хъунущ, хэт ар зэримыдзэкІами. «ДунеищІэкІэ» зэджэ Библиер гурыІуэгъуэу тхащ икІи пэжу зэдзэкІащи, дэ абыкІэ деджэну дигу ирохь. Ауэ езыхэр зэса БиблиемкІэ цІыхухэр еджэну зэрыхуейми дэ пщІэ худощІ.

 Библием сыщрагъаджэкІэ иджыри зыгуэр къезгъэблагъэ хъуну?

 НтІэ, хъунущ. Уи унагъуэм щыщхэр е уи ныбжьэгъу гуэр Библием ущрагъаджэкІэ къебгъэблагъэ хъунущ.

 Сэ япэм Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер зджамэ-щэ? Мыхьэнэ иІэ иджыри зэ седжэну?

 НтІэ, иІэщ. Япэм узэреджам нэхърэ мы курсыщІэр нэхъ уигу ирихьыну къытщохъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зыхэзылъхьахэр куууэ егупсысащ нобэ цІыхухэр зыхуэныкъуэмрэ зыгъэгузавэмрэ. Япэм зэредгъаджэу щытам нэхърэ мы курсыр куэдкІэ нэхъ тыншщ икІи нэхъ гъэщІэгъуэнщ.

 Зыри къыбдэмыІэпыкъуу, уи закъуэу Библиер зэрыбдж хъун программэ фиІэ?

 ДиІэщ. Куэдым гу лъатащ зыгуэрым ущригъаджэм деж, сэбэпынагъ нэхъыбэ къызэрыхэпхым, ауэ языныкъуэхэр хуейщ япэщІыкІэ езыхэр еджэу еплъыну. «Библиер зэрадж тхыгъэхэр» жыхуиІэм къыщыбгъуэтынущ Библиер бджыну къыбдэІэпыкъуну Іэмэпсымэхэр. Ахэр пщІэншэщ. Мис абыхэм щыщу языныкъуэхэр.