Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Иеговэ и Щыхьэтхэм езыхэм я Библие яІэж?

Иеговэ и Щыхьэтхэм езыхэм я Библие яІэж?

 Иеговэ и Щыхьэтхэм Библиер щаджкІэ Библие зэмылІэужьыгъуэхэр къагъэсэбэп. Ауэ абыхэм псом хуэмыдэу «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр» къагъэсэбэп (ар я бзэкІэ щыІэмэ), сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар пэжым техуэу, гурыІуэгъуэу щытщ икІи абы Алыхьым и цІэр итщ.

  •   Алыхьым и цІэр къызэрагъэсэбэпыр. Библиер зэзыдзэкІхэм щыщу языныкъуэхэм пщІэ зыхуэфащэм пщІэ хуащІкъым. Псалъэм папщІэ, зы Библие гуэрым ар зэзыдзэкІа цІыху 70 щІигъум я цІэхэр итщ, ауэ а тхылъыр езыгъэтха Алыхь Иеговэ и цІэр зыщІыпІи иткъым!

     ДунеищІэкІэ зэджэ Библием Алыхьым и цІэр мин бжыгъэкІэ итщ — япэ дыдэу ятха Библием здыхэта едзыгъуэхэм деж, ауэ ар зэзыдзэкІа цІыхухэм я цІэхэр иткъым.

  •   Пэжым тохуэ. ЗэдзэкІауэ щыІэ Библие куэдым итыр япэ дыдэу ятха Библием итым техуэкъым. Псалъэм папщІэ, Маттэ 7:13 едзыгъуэр зы Библие гуэрым мыпхуэдэу щызэрадзэкІащ: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жыхьэнмэм и куэбжэр бгъуфІэщ, абы кІуэ гъуэгури гъуэгу бгъуфІэщ». Ауэ япэ дыдэу ятха Библием мы едзыгъуэм къыщагъэсэбэпар «жыхьэнмэ» псалъэракъым, атІэ «кІуэдыпІэ» жыхуиІэ псалъэращ. А Библиер зэзыдзэкІа цІыхухэм а псалъэр къыщІагъэсэбэпар цІыху Іейхэр жыхьэнмэ мафІэм ису я фІэщ хъууэ зэрыщытарауэ къыщІэкІынщ. Ауэ ар Библием итым техуэкъым. ДунеищІэкІэ зэджэ Библием а едзыгъуэр пэжу зэрадзэкІащ: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэбжэ бгъуфІэмрэ гъуэгу хуитымрэ узыхуашэр кІуэдыпІэращ».

  •   ГурыІуэгъуафІэу тхащ. Библиер щызэрадзэкІкІэ, ар пэжым техуэ закъуэу щымыту, зэхэщІыкІыгъуэу, гурыІуэгъуафІэу щытын хуейщ. Щапхъэ къэтхынщ. Рим 12:11 Паул къыщигъэсэбэпа псалъэхэм къикІыр «къэкъуэлъэн» жиІэу аращ. А псалъэхэр ди зэманым щыІэ цІыхухэм къагурымыІуэнкІэ хъунущи, ДунеищІэкІэ зэджэ Библием ар нэхъ гурыІуэгъуэу щызэрадзэкІащ: «Жыджэрагъышхуэ зыхэвгъэлъ».

 Алыхьым и цІэр иту, пэжым техуэу, гурыІуэгъуэу ДунеищІэкІэ зэджэ Библиер зэрыщытым нэмыщІ, ар иджыри адрей Библиехэм зы ІуэхугъуэкІэ къащхьэщокІ: ар пщІэншэу къыпІэрыхьэфынущ. Абы и фІыгъэкІэ цІыху мелуан куэдыр я бзэмкІэ Библием еджэфынущ, ар къащэхуну Іэмал зимыІэхэри абыхэм яхэту.